Дуней хьэху. Усэбэ. Брат Мурат

Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Дуней хьэху. Усэбэ - Брат Мурат страница 3

Дуней хьэху. Усэбэ - Брат Мурат

Скачать книгу

дамэк1э язри,

                           хьэрш жыжьэм холъатэ.

      Я гъыбзэ гукъутэр

                           гум хуэшу хуолъадэ,

      Ди плъэгъуэр ирахри

                           щ1ы нэзым док1уадэ…

      Къырухэу ди псэгъухэм

                           ира1уэр ди гъыбзэр,

      Лыджанэ къырухэм

                           ди гук1эр ягъабзэр.

      Къытпэплъэ ди тхьэгъухэм

                           хуагуэшыр ди плъэгъуэр —

      Я щ1ыбымк1э щапхъэу

                           къэлыбу уэгу лъагъуэр…

      Псэбыдэ

      Уэ щхьэхьыу дэнэ ужэрэ, Псэбыдэ?

      Уи шыжьым и лъэр мывэ къуршхэм щ1ах.

      Ихъухьыпэну ухуэмеймэ уи гур мывэ быдэ,

      Адииху уи лъэгъуныгъэр щомыущэху…

      Л1эныгъэм щхьэк1э махуэ къэси игъуэщ,

      Ар щхьэк1э упсэуну нэхъри нэхъ игъуэжщ,

      Щхьэхуиту упсэуныр икъук1э л1ыгъэщ,

      Псэхуиту упсэуныр – нэхъри нэхъ л1ыгъэжщ.

      Щ1ы ф1ыц1эм и ф1ыц1агъыр щхьэнтэ гъурми,

      Псэ закъуэм и п1эщхьэгъыр нэхъри нэхъ гъурыжщ.

      Щхьэзакъуэныгъэр къызэрапщыр и тк1иягъмэ,

      Ф1ылъагъуныгъэр зэралытэр и лъэгагъщ.

      Гурыщ1э щэхур мы1уэтамэ псэм и мыгъуэщ,

      Уи лъагъуныгъэр бгъэлъэгъуэну мыемык1у,

      Быущэхуфамэ уи гум илъыр, зык1э, л1ыгъэщ,

      Бы1уэтэфэмэ ар – ар л1ыгъэм и гущ1ы1ущ!

      Къик1э фадэр, ныбжьэгъу!

      Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!

      Шыжьыр жьыгъэм игъэшми,

      Шыбзым нэф1к1э хуоплъэк1.

      Ныбжьыр йок1,

      Ауэ псэм и щ1алэгъуэр имык1.

      Къик1э фадэр, ныбжьэгъу!

      Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!

      Къэдгъэгъэ1у уэрэджьу,

      Жьы жъгъырур ирежьу,

      Нэхур щыху,

      Гуауэ гуащ1эр гъущ1ыху!

      Къик1э фадэр, ныбжъэгъу!

      Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!

      Бжьэм къигъахъуэ фадэжь.

      Гъуар ф1эк1а мыгъэгъэж,

      Л1ар мыгъыж,

      Гъын зыух – мэгуф1эж.

      Къик1э фадэр, ныбжъэгъу!

      Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!

      Дыгъэр ди псэу къытхуопс,

      Псынэм ди 1ур елъэс.

      Хъуар блэк1ащ,

      Къытпэщылъыр къэк1уэнщ,

      Къик1э фадэр, ныбжьэгъу.

      Насып хэт хуэмейр?

      Насып сэ сыхуейщ:

      Адыгэу дунейм сытету,

      Си хэкур си лъахэу,

      Си жьэгур си хьэкуу,

      Си напэр си нэк1уу…

      Насып сэ сыхуейщ:

      Адыгэ дунейм сытету,

      Пщэджыжьыр уэсэпсу,

      Си махуэр дыгэпсу,

      Си жэщыр вагъуэпсэу…

      Насып сэ сыхуейщ:

      Адыгэу дунейм сытету,

      Си лъэпкъыр хэкупсэу,

      Си быныр анэпсэу,

      Анэбзэри я псэу…

      Насып сэ сыхуейщ:

      Адыгэу дунейм сытету,

      Адыгэу дунейм сехыжу…

      Сыкъытехьэжмэ дунейм зэгуэрым —

      Адыгэ сыхъужу аргуэру!

      Лъэмб

      Уэс къабзэ къесам сэ

      Лъэмб лъагъуэ хызошри,

      Лъэмакъ

Скачать книгу