Дуней хьэху. Усэбэ. Брат Мурат

Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Дуней хьэху. Усэбэ - Брат Мурат страница 4

Дуней хьэху. Усэбэ - Брат Мурат

Скачать книгу

къоп1энк1 адыгэбзэк1э,

      Адыгэбзэк1э жьыбгъэм макъамэр къырещ…

      Ахэр бзагуэ фымыщ1.

      2

      Щ1эдэ1ук1ыт:

      Адыгэбзэк1э шыблэр къогъуагъуэри уэгум

      Адыгэбзэр ягъаджэ къуршыжьхэм зэщыджу —

      Хэку ибэр лъэпкъ ибэм зэщыджэурэ йоджэ,

      Унагъуэ хъужыну и бынхэр хуреджэ!

      Сэмбыр 1уащхьэ

      Сэмбыр 1уащхьэм

      Уд гуп щхъуэхьхэм

      Зы ц1э гуэрэ щра1уащ.

      Жэщ вынд щэхум

      Жыг щиху къуэпсыр

      Си щхьэгъубжэм къеу1уащ.

      Уд гуп къафэм

      Пщащэ дахэ,

      Зыгуэр пэплъэу, къахэжащ.

      Уафэ лъагэм

      Нап1эзып1эм

      Вагъуэ нэпсыр къыщ1эжащ.

      Я зэхэплъэр

      Яухауэ,

      Я деж удхэр мэлъэтэж.

      Пщащэр 1уащхьэм

      Къытенауэ,

      Гу хьэхуахэр елъытэж.

      Мазэ напэм

      Соплъэр гъуджэу,

      Сэ сыхъуащи жэщмыжей.

      Си псэ к1уасэм

      Сык1элъыджэу,

      Сэмбыр 1уащхьэм сыдожей.

      Адыгэр зыхуэдэр

      И макъыр жыг тхьэмпэщ адыгэм,

      И дамэр лъэгап1эщ адыгэм,

      И напэр дыгъап1эщ адыгэм,

      Гуэпагъэр и щхьэнтэщ адыгэм.

      И жьауэр жыг хадэщ адыгэм,

      И псалъэр къурш мывэщ адыгэм,

      И гущ1эр быдап1эщ адыгэм,

      Гурыщ1эр и уанэщ адыгэм.

      И нэпсыр къум псынэщ адыгэм,

      И л1ыгъэр мылыджэщ адыгэм,

      Бэшэчыгъэр и нат1эщ адыгэм,

      Ц1ыхугъэр и лъахъэщ адыгэм.

      И хэкур и плъап1эщ адыгэм,

      Щ1ы хамэр и л1ап1эщ адыгэм,

      И хэкур и узщи адыгэм,

      И узыр и хущхъуэщ адыгэм!

      Пэплъэ

      Сэрейм щ1эмыхуэжу гуащэр

      Гъуэгум тоувэри маплъэ,

      Жыжьэр къыпоплъэ гуащ1эу,

      Нэхэр ирещ1ыр нэщ1ым.

      Гуащэм иужьу хьэжьыр,

      И бгъум мэт1ысри мэжыр.

      Мылу гъэжа гузавэр

      Т1уми зэдагъэныщк1ур.

      Дыгъэр къухьэжмэ, гуащэр

      Хуэму щ1охьэж унэ нэщ1ым.

      Зэман лъэужьыншэм гъущ1эу,

      Бамп1ейм иресык1ыр гущ1эр.

      Жэщ псом езэша гуащэр,

      Пщэджыжьым 1урехри мащ1эу,

      Пщ1ыхьэп1эу елъагъур зэжъэр…

      Нэхулъэр хуэлъыфэу мэжыр,

      Гъунапкъэм къухьэж мазэр

      Мэкъугъри егъей хьэжьым.

      Шэ ф1ыц1э

      Нэхулъэ бзухэм уэрэд къыщырашк1э,

      Бзэрабзэу дыгъэр къыкъуэк1т, гущэ, уей!

      Конец ознакомительного фрагмента.

      Текст предоставлен ООО «ЛитРес».

      Прочитайте эту книгу целиком, купив полную легальную версию на ЛитРес.

      Безопасно оплатить книгу можно банковской картой Visa, MasterCard, Maestro, со счета мобильного телефона, с платежного терминала, в салоне МТС или Связной, через PayPal, WebMoney, Яндекс.Деньги, QIWI Кошелек, бонусными картами или другим удобным Вам способом.

/9j/4AAQSkZJRgABAQEASwBLAAD/4gxYSUNDX1BST0ZJTEUAAQEAAAxITGlubwIQAABtbnRyUkdCIFhZWiAHzgACAAkABgAxAABhY3

Скачать книгу