Публицистика. Сборник статей и публикаций автора. Зера Бакова

Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова страница 2

Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова

Скачать книгу

егъэджыным хэкIыпIэ хуэхъухэм.

      Зи творчествэм лъэныкъуэ куэдкIэ зиубгъуа, гъащIэм и плIанэпэ псоми удэзыгъаплъэ КIыщокъуэ Алим и IэдакъэщIэкIхэр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм къыпхугуэмыхыну щыщщ – и зы Iыхьэщ, ди литературэм и зыужьыныгъэр зыхуэдэр, ар здынэса гъунапкъэр къэзыгъэлъагъуэщ. КIыщокъуэм и тхыгъэхэм къахощ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр. Абыи и закъуэкъым. Алим и творчествэм и зыужьыкIам набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ дэтхэнэми хьэкъыу пхыкIынущ ди адыгэ художественнэ литературэм къикIуа гъуэгуанэр зэрыщыту.

      Алим и тхыгъэ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэсауэ, томих хъууэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ 2004-2007 гъэхэм.

БАКЪ Зерэ,профессор, 2014 гъэ.

      КIыщокъуэ Алим и гъащIэ гъуэгуанэмрэ и художественнэ тхыгъэхэмрэ

      Сыжейми, си нэр зэтесхами,

      Щхьэлыкъуэ къуажэр щIэтщ си нэгу.

      Бжьыхьэ жыг тхьэмпэу пыщэщахэм

      Сахэлъу жьыбгъэм сагъэджэгу.

      (КIыщокъуэ Алим)

      1. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ. КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр 1914 гъэм июлым и 22-м Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Алим и адэ Пщымахуэ хьилмышхуэ иIащ, дин щIэныгъэфI бгъэдэлъащ. А зэманым мыдрисэрат адыгэхэм щIэныгьэ нэхъ къызыщIахыфыр. Пщымахуэ Адыгейм хыхьэ Хьэкурынэхьэблэ къуажэм дэт мыдрисэм зыкъомрэ еджакIуэу щыIащ. Аращ Алим и анэ Куэз къыщицIыхуауэ щытари. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жиIащ адыгэм. Адэм и хьилмыр, Пщымахуэрэ Куэзрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэр, цIыхугъэр я бынхэми къащтащ. Пщымахуэ сыт щыгъуи хущIэкъурт и бынхэм щIэныгъэ зэрыритыным.

      Зэщхьэгъусэхэм Къэбэрдейм къагъэзэжри зэман заул дэкIауэ, 1914 гъэм, дунейм къытехьащ я щIалэ етIуанэр, адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэшхуэ хъуар.

      Алим и гъащIэр къызэрекIуэкIам теухуауэ, 1974 гъэм, Москва къыщыдэкIауэ щытащ «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» («Вид с белой горы») тхылъыр. Абы тхакIуэм мыпхуэдэу щетх:

      «Ди адэм щIалищ къыхуалъхуати, сэ сранэхъыщIэт. Нэхъыжьым Рашид фIащащ, абы кIэлъыкIуэм – Iэмин. Iэмин зы илъэсщ зэрыпсэуар. Сэ сыкъыщалъхуар 1914 гъэм июлым и 22-рщ, ар щызгъэбелджылыжар иужькIэщ – ди анэм и гукъэкIыжхэм тесщIыхьурэ».

      И щIалэр еджэным зэрыхуэпабгъэм гу лъызыта адэм Алим цIыкIу щIэныгъэ игъуэтын папщIэ сыткIи дэIэпыкъуащ. Алим и акъыл зэрыубыдыгъуэм къицIыхуауэ щытащ къэбэрдей усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ абы и ныбжьэгъуфI ЛIыгъур Ибрэхьимрэ. Ар къыщыхъуар 1926 гъэрщ, Алим Бахъсэн дэт школ-интернатым щеджэну щагъэкIуарщ.

      Алим и гъащIэ гьуэгур зыубзыхуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къэплъытэ хъуну къыщIэкIынущ ар Бахъсэн щыщеджа илъэсхэр – 1926—1931 гъэхэр, сыту жыпIэмэ абы и егъэджакIуэхэм яхэтт адыгэ усыгъэм и вагъуэ ЩоджэнцIыкIу Алий. И адэ Пщымахуэрэ Алийрэ я нэIэ щIэту ежьа псыпэр адыгэ литературэм махуэ хуэхъуащ.

      И анэ Куэзи, езы Алим зэритхыжымкIэ, цIыху хьэлэмэту щытащ.

      «Ди анэр Хьэкурынэхэ япхъущ. А унэцIэм хъыбар гъэщIэгъуэн къыдокIуэкI. Мыпхуэдэущ ар къызэрежьар.

Скачать книгу