Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова страница 21

Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова

Скачать книгу

тхылъыр зэхуищӏыжамэ – апхуэдэжкъым… «Щӏыӏэм уисрэ, си пщащэ? Щӏыӏэм уисрэ, си дахэ? – Хьэуэ, дадэ, сискъым, сискъым. – Щӏыӏэ Дадэр нэхъри къыбгъэдокӏуатэ хъыджэбз цӏыкӏум. – Иджы-щэ? Иджыри щӏыӏэм уисыркъэ? – Хьэуэ, дадэ».

      Татианэ и макъыр зэм гъум ищӏу, зэми хъыджэбз цӏыкӏум ещхьу, и ӏупэ ӏувхэмрэ и бзэгумрэ псалъэхэр хуиту къыжьэдэхуу, къепсэлъ, Майе къызэфӏоувэри и ӏэ лъэныкъуэр цӏыхубзышхуэм и бгъэм пэщӏегъэувэ:

      – Щӏыкъатиблым…

      Татианэ антыхэбзэ къыгурыӏуэркъым. Майе и макъым къызэрикӏкӏэ мэкӏий. Ритэ къэщтауэ магъ.

      – Щӏэгъэкӏ мыр, егъэшэж и анэм деж!

      Майе урысыбзэм тохьэ:

      – Сэ зыри си лажьэкъым. Псори сэр щхьэкӏэ мэгузавэ, ауэ сэ зыри си лажьэкъым.

      Татианэ хъыджэбз цӏыкӏум ӏэплӏэ хуещӏ. Майе игу трегъахуэ ӏэплӏэри, дыхумэри.

      Улэ жэмыр къишри и джабэм ӏэ дилъэжащ. Хьэмрэ жэмымрэ дзыхь яхуещӏ. Хьэпарийр къоплъри щысщ. Унэм щӏохьэжри хьэ ӏус зэхэщӏар къыхущӏех. Дэкӏуеипӏэм тотӏысхьэри пшапэзэхэуэгъуэр кӏыфӏ зэфэзэщым хуэкӏуэжыху тесщ. Унэ зэгуэтым и пэшищри пщэфӏапӏэри къигъэкъэбзащ нобэ. Пщэфӏапӏэр ятӏэ лъэгущ, псы ириутхэри къипхъэнкӏыжат. Дзыгъуэ вей дурэшым дэлъу къилъэгъуати, и жагъуэ хъуащ. Я джэдур кӏуэдауэ къэтщ. Хьирэт игъэщтамэ, щӏэх къыкъуэкӏыжынукъым. А фызыр джэду зищӏауэ хьэблэм дыхьамэ, пщӏантӏэхьэхэм лъэныкъуэ зрагъэз, унэ джэдухэр къезэуэну къоув. Зэрытемыгъакӏуэу зофыщӏауэхэр, ауэ Хьирэт абыхэм щхьэкӏэ къикӏуэтынукъым. Псэущхьэхэм зэрафӏэкӏын ӏэмал бжыгъэншэу ищӏэрэ пэт, япоуври йозауэ, и зэш тригъэууэ фэ тетщ.

      Улэ и щхьэцыр ирежьых, еухуэн, ешыхьыж. И бостей нэхъыфӏыр щетӏагъэри лъэдакъэ тӏэкӏу зыщӏэт и вакъэм тоувэж. Мыр сыт, и фӏэщи? И щхьэ щодыхьэшхыж. Нобэ и джийм зыри ехакъым. И ӏупэр гъущӏащ. И щхьэр мэуназэ. Псы йофэ.

      Сыхьэт щӏэӏуантӏэм йоплъ – жэщ ныкъуэщ. Шэнт щхьэгуэр къещтэ, унэкум ирегъэувэри, къотӏысыкӏ, и гур дэп жьэражьэм хуэдэщ, и бгъэр къресыкӏ, и нэкӏущхьитӏыр къызэщӏэнащ. Сыту пӏэрэ ныжэбэ къыпэплъэр?..

      – Си анэ, къысхуэгъэгъу… Псалъэ уэстат мыпхуэдэ ӏуэху сыхэмыхьэну. Сабий закъуэм и узыншагъэщ арэзы сыщӏытехъуар…

      Хьэ парийр хопщӏэукӏри хьэгъуэм йолъэдэж. Пщӏантӏэм мыцӏыху дэтщ – кӏыфӏыгъэр кӏыфӏым къыхэмыщми, псэущхьэм зыхещӏэ. Унэбжэр дамэдазэу ӏухауэ къигъэнащи, кӏыфӏыгъэр пшагъуэ-ӏугъуэ зэхэту щӏоукӏурие – псэ джэгур ежьэнущ…

      Уэздыгъэри имыгъэункӏыфӏауэ Улэ хьэзыру щысщ, шэнт щхьэгуэм тесу. Ӏугъуэ фӏыцӏэм унэгуащэр къеуфэрэзыхь, и лъакъуэм щегъэжьауэ и щхьэм нэс зрешыхьэкӏ. Ӏэтауэ иӏыгъа и щхьэр зэуэ къыфӏоху, и жьэпкъыпэр и бгъэм къытеуэжу – пкъыр къанэри, псэр ирахьэжьащ…

      БАХЪЭСЭН

      Бахъэсэн и ӏуфэм къуажэ куэд ӏусщ, нэхъ ин дыдэр псыежэхым и цӏэр зыфӏащыжаращ – Майе къыщалъхуа къуажэр. Абдежым ирихьэлӏэу къуажэ уэрамхэм псы къыщиж хъуат – щӏым гъущӏ бжьамийхэр щӏалъхьауэ, абыкӏэ къакӏуэрт. Хьэблэ къэс гъущӏ быдэм къыхэщӏыкӏа псы къижыпӏэ хутрагъэуват, ищхьэмкӏэ къыщытепкъузэмэ, псыр къиутӏыпщу, бутӏыпщыжмэ – иубыдыжу. Псынэпсым хуэдэу

Скачать книгу