Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова
Чтение книги онлайн.
Читать онлайн книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова страница 5
– Сэ иужькӏэ… ахэр щыхэкӏуэда щӏыпӏэм деж фэеплъ щахуэзгъэувынущ!
– Кхъащхьэ сын хуагъэувауэ къыщӏэкӏынщ абыхэм, апхуэдэу къагъэна уи гугъэ зейхэм?
– Кхъащхьэ сынхэм нэмыщӏ, фэеплъ хуагъэуващ, шы сурэту гъэжауэ! Мес, Налышык дэлъэдапӏэм деж щытщ зауэлӏрэ шырэ, мывэм къыхэщӏыкӏауэ. Сэри сщӏынущ ди зауэлӏхэм я фэеплъ.
– Фэеплъ уэ уагъэщӏынукъым. Ар зи ӏэщӏагъэхэм ящӏынщ.
– Сэ аращ ӏэщӏагъэу къыхэсхар. Еджапӏэр къэзухмэ, сыхуеджэнущ.
– Уи адэр псэужкъым, уи анэр и пэшым зыщӏиубыдэжауэ дуней хуитым къытехьэркъым, уи адэшхуэращи, и щхьэр щыхэтыр езым ищӏэжыркъым. Хэт мыгъуэм уригъэджэн уэ?
Анэшхуэм захибжатэкъым щӏалэр езыгъаджэ хъунухэм, унагъуэм нэхъ лъэрызехьэу яхэтыр езырами.
Техутэ и гущхьэ къэкӏыркъым ирамыгъэджэну, а и нэгу къыщӏэувэ фэеплъыр мывэ абрагъуэ къигъуэту къызэрыхиӏущӏыкӏынуращ зэгупсысыр. Шуудзэм хэтахэм зэ нэхъ мыхъуми ӏуплъащэрэт! Дапхуэдэу пӏэрэт абыхэм я теплъэр? Нэзыр, жьы хъууэ сабий акъылым хуэмыкӏуэжатэмэ, къыжриӏэжынт и нэкӏэ илъэгъуар – шуудзэр къызэзыгъэпэщахэм щахэтакӏэ, дауи, абы псори и нэгу щӏэкӏащ. Дыси ищӏэнут зыгуэр – абы и лӏыр шуудзэм хэту дэкӏри къигъэзэжакъым. Арщхьэкӏэ фызыжь ӏэзэр зыми епсалъэркъым.
Шыр, лӏыр, ӏэщэр, фащэр – дапхуэдэу къызэгъэпэщат? Зауэлӏхэр дауэ къыхаха? Хуейуэ хъуар хагъэхьэрэт? Щӏалэ цӏыкӏур зыщӏэупщӏэнур ахэрат. Еджапӏэм щезыгъаджэхэм абы хащӏыкӏ щыӏэкъым, уи нэхъыжьхэм еупщӏ, къыжраӏэ. И нэхъыжьыр дадэщи, абы и ӏуэхур щхьэхуэщ.
…Жьыр къыӏуроуэ Техутэ. Хьэрэмэӏуащхьэкӏэ ятӏагъуэ къэзышэну шыгу зэщӏэщӏакӏэ ежьахэм захигъэхуащ аргуэру. Чырбышыр къемэщӏэкӏащ унэщӏэ зэтезылъхьэхэми, гъэмахуэр икӏами, чэмар ирагъэкъужын хуейщ. Ятӏагъуэм халъхьэну шывейри хьэуазэри ягъэхьэзырауэ къуажэщӏыбым деж щӏыӏэнэщӏым щызэтелъщ, ини цӏыкӏуи ежэнурэ абдежым ятӏэр лъакъуэкӏэ яутэнущ, зыхуейм хуэдиз чырбышыр асыхьэту къыщӏрагъэдзынущ. Щӏыхьэхущи, ӏуэхур псынщӏэщ.
Ятӏагъуэ мащэр мазэ ипэ зэрыщытам елъытауэ хэпщӏыкӏыу нэхъ куу хъуащ. Фызхэм ятӏагъуэр шыгум иракӏутэ, Техути зэрыхъукӏэ ядоӏэпыкъу. Шыгум из мэхъури, къожьэжхэр. Щӏалэм гупым закъыкӏэрегъэху. Икӏащ гъэмахуэр, шы сурэт афӏэкӏа игъэжыфынукъым. Техутэ Хьэрэмэӏуащхьэ и щыгум къытетӏысхьэжауэ къоплъыхри тесщ. Щӏыбкӏэ тогъуалъхьэри удз щабэм хэлъу уафэм доплъей. Пшэ хужьхэр, аргуэрыжьщи, къыдогушыӏэ. Апхуэдэщ сыт щыгъуи – уафэм пшэ къытрихьамэ, псэущхьэщ е цӏыху сурэтщ, хьэзырщи – тещӏыкӏ, нэгъуэщӏ къэлъыхъуэни хуэмейуэ. Шууейхэр кӏапсэлъэрышэу къыщхьэщохьэ иджы: зы, тӏу, щы… мори шущ, мо иужь итыр шы пцӏани, тесар епсыхыжа хуэди… Техутэ ӏурехри мэжей.
Сосрыкъуэ щыкӏуэда ӏуащхьэм, нартыжьхэм я джэгупӏэжьым ущӏалэ цӏынэрэ у-антыхэу ущыжей хъурэ? Жейрэ лӏарэ, жи. Фыкъызэжэ вындыжьу уафэм имыхуэжыр, хьэӏуцыдзу къуэладжэм дэзыр, яжепӏэ хуэдэкъэ? Бгым жин къалэ итщ, апхуэдэу хуит захуэпщӏамэ, тегушхуэгъуафӏэ уамыщӏынрэ?