Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова страница 9

Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова

Скачать книгу

style="font-size:15px;">      Лӏитӏрэ нысащӏэ зыщыплӏрэ, джэм, кӏуатэурэ псыпцӏэм щынэблагъэм, таурыхъми хэту ямыгугъа зы напӏэдэхьеигъуэм я нэгу щӏэкӏащ. Нысащӏэхэм къуахъуэпсыхъуэр зэрахьэу, хэт и щӏыбыр игъазэри зэрикӏийм хуэдэурэ щӏэпхъуэжащ, хэт и нэр иубыдыжри етӏысэхащи, къигъаплъэмэ, илъагъунум и псэр дыхэкӏыну къыщохъу, лӏитӏыращи, я пӏэм ижыхьауэ зыпэмыплъа шынагъуэм кӏэлъоплъ. Ар псэущхьэ гъумыщӏэт, щхьэшхуэрэ и нитӏым мафӏэ къыщӏихыу, и джабэхэм цы кӏыхь зэхэпцӏэжа къелэлэхт. Лъыхъуакӏуэхэм я гъуэгур зэпиупщӏу, зэм лъакъуитӏкӏэ жэуэ, зэми хьэлъакъуиплӏ зищӏу нэр темыпыӏэу блэжащ. Гупым зыкъамыщӏэж щӏыкӏэ псэущхьэр псыпцӏэм нэсри сабиитӏыр зэщӏиубыдащи, щӏы джафэм тет хуэдэу, псыпцӏэ щӏыӏум щоджэрэз. Къыжьэдэпкӏыным хуэдэу и гур къеуэу къэса Улэ и пащхьэм къихуэу псэущхьэ шынагъуэм сабиитӏыр къидзри, езыр пхырыхуами, уафэм зиӏэтами къыпхуэмыщӏэу, бзэхыжащ. Майе дежкӏэ къэхъуам зы гъэщӏэгъуэнагъ гуэри хэлъу къапщӏэртэкъым, зэрихабзэу щыму, и нитӏым къыщӏэщи щымыӏэу цӏыхухэм яхэплъэрт, ауэ Техутэ псэ хэмытыж хуэдэу и фэр зэрыпыкӏам къигъэлъагъуэрт шынэм зэрызэщӏиӏулӏар. Лӏитӏым зыкъащӏэжри сабийхэр зырызу къащтащ, хьэщхьэвылъэр (зэрыарам зыми шэч къытрихьэртэкъым) къакӏэлъыжэ нэхъей, псалъэмакъыншэрэ лъэ псынщӏэу къуажэмкӏэ къаунэтӏыжащ. Нэхунэ и къуэрылъхум псоми зэхахыу ешхыдэн хуейуэ къилъытэри, щӏэгубжьащ:

      – Мырелъ мыбы и дунейр! Сыт иджы сэ уэ уэсщӏэнур? Хъыджэбз хьэщӏэ цӏыкӏур щӏепшэжьар сыт, пхузэрызудынщ уи лъакъуэр, – жаӏэ хабзэр жиӏащ.

      Щӏалэ цӏыкӏум зригъэгъэпскӏыжщ, щыгъын къабзэ щригъэтӏагъэри, итӏанэщ гу щылъитар зэрымыпсалъэм. Тхьэмахуэкӏэ цӏутӏ жиӏакъым, пщӏантӏэми дэкӏакъым.

      Дысэрэ Нэхунэрэ я унэхэр зэпэщытщ. Нэхунэ, ар и ӏэщӏагъэщи, зэпымыууэ цым йолэжь, и къуэрылъхур епӏ, ирегъаджэ. Упщӏэ алэрыбгъухэмрэ лэгурыбгъухэмрэ я зэманыр икӏащ, иджы къащэхур ковёрщ. Зылъэкӏым и ковёрыр хэплъыхьащ, блыныр зэрыщыту иуфэбгъурэ цыпэхэр дыгъэм пэцӏууэ, лъэгурыбгъуми цы кӏыхьыр ӏуву тетрэ уи лъакъуэр хэщатэу. Зылъэмыкӏри ковёрщ, ауэ и цыр тегъэщхъарэ блыным хуэмыфӏу, лъэгум иридзын имыгъуэтыххэу апхуэдэщ.

      Щӏакӏуэ зезыхьи щыӏэжкъым – цейр щыхыфӏадзэжкӏэ, щӏакӏуэри абы кӏэлъыкӏуэнкъэ. Иджы губгъуэм ит ӏэщыхъуэхэм, хэти жьыуейпсыуейр кӏуэцӏрыкӏыу жьы хъуа щӏакӏуэр зэрехьэ, щӏэ щамыщӏыжкӏэ, хэти джэдыгужь къыздрехьэкӏ. Къэфакӏуэ гупхэмрэ къулыкъущӏэхэм къахуеблагъэ хьэщӏэ лъапӏэхэмрэ я фӏыгъэщ Нэхунэ и ӏэщӏагъэм иджыри щӏэупщӏэ зэриӏэр: зыхэр сценэм иритынущ, адрейхэм тыгъэ ящӏынущ. Шууейм щахуищӏым, щӏакӏуэр ӏувт, жьыи псыи кӏуэцӏрымыкӏыу, бгъэувамэ, зэфӏэту, ауэ джэгуакӏуэ щыгъыныгъуэу арамэ, сыт щхьэкӏэ ӏуву ищӏын, и щӏакӏуэр псынщӏагъуэщ. Щхьэкъэӏэт имыӏэу щылажьэ къыхуохуэ Нэхунэ – къэфакӏуэхэр гъунэжщ.

      Дыси «мэлажьэ», и пщӏантӏэр цӏыху кӏуапӏэщ, антыхэри, шэшэнри, ингушри, асэтынри щопэкӏу. Къекӏуалӏэр зигу ныкъуэхэращи, зыгъэгумэщӏыр къыхуаӏуатэ. Фыз ӏэзэм яригъэӏуэтэжыну щогугъ, къэӏэбэу ящхьэщихыну я фӏэщ мэхъу. Дысэ еплӏэкӏуащ,

Скачать книгу