Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова
Чтение книги онлайн.
Читать онлайн книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова страница 10
Дысэ зэрыжиӏам хуэдэ дыдэу, жэм зэщӏэсыр мэз лъапэм къыщагъуэтыжащ. Шкӏащӏэр къабзабзэт, гъущэт, и ныбэ изт. Нэрылъагъут ар анэм зэрызэщӏибзеяр, шэи зэрыхуэмыныкъуар. Анэри, щыпсэфым иӏа хьэлъагъыр хэмылъыжу, пкъыфӏэрэ псынщӏафэу, и нэ псыфхэмкӏэ къахуеплъэкӏт къыкӏэлъыкӏуахэм, и быдзхэр зэкӏэщӏэпӏиерэ и шхуэлыр шэм къызэгуитхъынущ жыуигъэӏэу, пэгун хуэдизу зэӏышауэ. Псом нэхъ гъэщӏэгъуэнырати, жэмымрэ шкӏэмрэ я пащхьэм и джабэр иуэжауэ дыгъужь исщ и дзэр зэрегъэшхри, ауэ къэтэджынуи ӏэщхэм ябгъэдыхьэнуи хузэфӏэкӏыркъым. Цӏыхухэр къыщыӏухьэм, ерагъыу зыкъиӏэтри и щхьэр ӏуихыжащ. Мис апхуэдэщ Дысэ и ӏэзэкӏэр. Иджы къуажэм щагъэхъыбар дыгъужьыр хьэпэщыпхэ зэрищӏар. Нэхъыбэр есэжащ Дысэ хуэдэхэм я «ӏэщӏагъэм» – антыхэхэми адрей лъэпкъхэми игъащӏэм къадокӏуэкӏ ар.
Коммунист къулыкъущӏэхэм ӏэзэгъуазэти, ӏэгуиплъэти, джэшыдзти жыхуаӏэхэр лъэхъэнэ кӏыфӏ къызэранэкӏам къыхэнэжауэ щытын хуейуэщ къызэралъытэри, Дысэ и ӏэщӏагъэр ирагъэгъэтӏылъынут, ауэ я фызхэм къыхуагъэдахэркъым. Къэгузавэмэ, дэнэ здэжэнур, хэт зыбгъэдыхьэнур? Коммунистхэми абы я партми яхузэфӏэмыкӏын хузэфӏокӏ фыз ӏэзэм… Дысэ дыгъужьми, шыми, бзуми ӏэзэгъуэ яхуиӏэщ. «Псэущхьэхэм хуэдэу сиӏарэт цӏыхур, цӏыхум мыцӏыху яхэтщи, нэхъ гугъущ. Цӏыхуипщӏым я епщӏанэр цӏыхукъым – нэщӏщ е кӏыфӏщ. Нэщӏым зыгъэпсэун гуащӏэ, кӏыфӏым зыщӏишэн нэху хъуреягъым щыӏэм я деж къыщалъыхъуэ, зэи загъэнщӏыркъым, ирикъуыркъым, яхуэчэмыр къалъыхъуэ зэпытщ.
Майе сыту къызэригъэщӏар? Нэхум, хъуаскуэм, бзийм зыхуеший, ауэ езыр къэцӏыхугъуейщ. Сабий хьэлкъым хэлъыр, и щхьэм илъымрэ и псэм къыщыушымрэ бзыщӏащ, щӏэхъумащи, Дысэ къыхуэлъагъуркъым.
…Гъатхэпэ мазэм и кӏуэцӏкӏэ Сэбэр ӏуащхьэм пэгъунэгъу къуажэхэм, пшапэзэхэуэгъуэ щыхъум, я щхьэгъубжэхэр ягъэбыдэри, нэху щыуэ дыгъэр къыщӏэкӏыху ӏуахыркъым, я унагъуэм щыщи дунейм къытрагъэхьэркъым. А мазэм зы махуэ хэтщ удхэм я зэхуэсыгъуэу, ауэ ар дэтхэнэ махуэрами сыткӏэ пщӏэн, аращи мазэ псом захъумэж зэрыжылэу. Удхэми а зэхуэсым хуэмеижхэри яхэтщ, ауэ «ухуей-ухуэмейуэ» абы я ӏуэхур щытыжкъым. Мыхэр щӏым епха удмэ, я унафэщӏхэр уафэм епхащ, я унафэр ткӏийщ. Сыткӏи жыӏэдаӏуэ удхэм гулъытэ лей ягъуэт, дэӏэпыкъуэгъухэр кърат, пщӏэ зиӏэ удхэр зэрагъэщӏэращӏэ хьэпшып цӏугъэнэхэм щыщ къыхуагъэфащэ, зэхуэсхэм ирикӏуэну. Апхуэдэ къалэжьын папщӏэ, куэдыр къыдахьэхрэ я псэр шейтӏаным ӏэщӏрагъалъхьэу, къыхуагъэлъагъуэ цӏыхум узыфэ ӏей пкърагъэхьэу е фадафэ ящӏу «лэжьэн» хуейщ. Къызэрыгуэкӏ удмэ, фӏыцӏэрэ цӏууэ залауэ жыхапхъэм тесу йожьэ, я унафэщӏхэм я нэфӏ къыщыхуамэ, ажэ къыхуагъакӏуэри, мэшэс. Цӏыхухэм тхьэ щаӏуэж, удхэм сабийуэ къаӏэрыхьэр ядыгъуу, Сэбэр ӏуащхьэкум щагъэув ӏэнэм гъэжьауэ тралъхьэу. Ящыщи джэду защӏауэ къотӏысри унэм къыщӏокӏуасэ, къаӏэрыхьэм йопӏэстхъ, йопӏэскӏу, я лыр уфӏыцӏауэ, зэхэфыщӏауэ къагъанэри щӏокӏуэсыкӏыж, аращи, хуэсакъын хуейщ. Дэтхэнэ къуажэми сабийуэ дэсым зыри хэщӏыркъым, удхэр зэрылъатэри зыми илъагъуркъым, ауэ ӏуащхьэм пэжыжьэ жылэхэри щощтэ а нэрымылъагъу