Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова страница 14

Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова

Скачать книгу

щӏыпӏэр сыт щыгъуи жьапщэщ, ар дызэсэжа ӏуэхущ.

      Къалэм сабий щытебгъэун иӏэкъым. Аращи, Ӏэдэм сабийм и ӏэпэр иӏыгъыу лэжьакӏуэхэр ӏузыш маршынэм итӏысхьэри шахтэм кӏуащ. Майе ирегъэлъагъу:

      – Мис бгым дызэрихьэ бгъуэнщӏагъхэр.

      Майе и бзэр къеутӏыпщ.

      – Сеплъыну сыхуей, – жи.

      – Абы уеплъын щхьа, бгы гъуанэм уихьэу адэ нэс уехын хуейщ, – жи адэ къуэшым. И гугъэщ Майе шынэу щӏегъуэжыну.

      – Сешэхи сыгъэлъагъу, – Майе тегушхуэныгъэ хэлъщ. Зи макъ куэдрэ къэмыӏу и къуэш быныр къопсалъэ, къолъэӏу – Ӏэдэм и гур дауэ щабэ къэмыхъунрэ… Сыт абы хэлъыр – езыр апхуэдизрэ зэрызекӏуа гъуэгум сабийр и гъусэу ирикӏуэным?

      – Уделэ уэ? Ар ядэнукъым! – къыжраӏэ и лэжьэгъухэм.

      Ӏэдэм шахтёрхэм я унафэщӏым бгъэдохьэри йолъэӏу и хьэщӏэ цӏыкӏур шахтэм щӏригъэшэну.

      – Хьэуэ, сыкъащӏэмэ, сыӏуагъэкӏынущ. Мыр сабий теупӏэкъым, уи жагъуэ умыщӏ, – къыжреӏэ.

      Ӏэдэм щӏэлъэӏуар къызэрыхуамыщӏам къытригъэхьат, сабийми щыукӏытэ хуэдэт, къызэригъэгугъар хуищӏэжыфтэкъыми. Хуейт мо хъыджэбз махэ, гуащӏэмащӏэ цӏыкӏур игъэгуфӏэну, игъэгушхуэну, гукъыдэж иритыну. Сытым къыхэкӏми, Майе щеплъкӏэ, Ӏэдэм и гур пихырт. Езыри къыхудоплъей:

      – Сеплъыну сыхуей…

      Лӏыр зэуэ къогуфӏэж:

      – Къэсщӏащ сщӏэнур!

      Лэжьакӏуэхэр къезышэкӏ шофёрым йолъэӏу шахтэжьым нигъэсыну, модрейми куэдрэ зригъэлъэӏуакъым, жыхуиӏар хуищӏащ. Ӏэдэм фӏыуэ ецӏыху щӏыпӏэр, лэжьэн щыщӏидзам а шахтэжьырат мывэ къыщӏэхыпӏэу щытар.

      – Ауэ дыщӏыхьэу дыкъыщӏэкӏыжынуращ, куэдрэ узыпэдгъэплъэнукъым, – жреӏэ къэзышами, Ӏэдэм сабийм и ӏэпэр иӏыгъыу къыр гъуанэм щӏохьэ. Кӏыфӏым зэрынэсу нэхурыдзыр щӏигъэнащ. Арыншамэ зыри ялъагъунутэкъым…

      Мыбы щылэжьауэ щыта цӏыхухэм я пщӏэнтӏэпсу мывэмрэ пшахъуэмрэ зыщӏафар Майе къыщӏехьэ. Щӏым езым и мэмрэ къыхэкӏ псыӏагъэмри зыхещӏэ. Щӏыр, цӏыхур, абы и пщӏэнтӏэпсыр – мыхэр зэпхащ, Майе ар зэрегъэзахуэ, ауэ хужыӏэркъым. Куэд къыгуроӏуэ, и щхьэм щызекӏуэ къомымрэ и гум зэригъэзахуэмрэ ирагъэш, и гуащӏэр щӏах.

      – Мис мыращ ди шахтэжьыр. Иджы нетӏэ дызыщӏамыгъэхьам дагъэӏэпхъуащ. Плъагъурэ мыр зэрыкуур, зэрыкӏыхьыр? Мис а къомыр уадэ защӏэкӏэ шахтёрхэм къраудауэ аращ. Мыбы мывэу щӏашар куэд дыдэ мэхъу. Ахэр икӏи лъапӏэщ. Хъугъуэфӏыгъуэу жыпӏэ хъунущ.

      Майе и адэ къуэшым йодаӏуэ, абы жиӏэр езыр зыщыгъуазэ гуэру къыщохъу, ауэ зыри пидзыжыркъым.

      – Накӏуэ иджы, гуащэ цӏыкӏу, дыщӏэкӏыжынщ, – жи Ӏэдэм. Абдежым и нэхурыдзыр мэункӏыфӏ. Зэридзэ хуэдэу ищӏащ, теуӏуащ, ауэ къэблэжтэкъым.

      – Гуащэ, мы си джанэ кӏапэр убыди сыӏыгъ, умышынэн хуэдэу, сэ мы нэхурыдзым и уэздыгъэр къикӏуэтауэ аращи, исӏуэнтӏэжынщ.

      Ӏэдэм пэщэщэн иухыу нэхурыдзыр щыщӏигъэнэжам, Майе джанэ кӏапэр иӏыгъыжтэкъым, гъунэгъууи щыӏэтэкъым. Хъуреягъым нэхур трегъапсэ, шахтэм нэхъ куууэ щӏохьэ, къокӏуэтыж, маджэ, ауэ хъыджэбз цӏыкӏур

Скачать книгу