Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова

Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова страница 16

Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова

Скачать книгу

Зыри илъагъуркъым, зыри зэхихыркъым, зыми епсалъэркъым. Пщэдджыжьышхэр зэфӏэкӏмэ, щӏыбым щӏашынущи, абы щыгъуэм бэуэнущ и гум щызу. Зэпэзэву ягъэува шэнтхэм сабийр кърагъэтӏысэкӏри, Майе къыбгъурысхэр къыжьэхоуэ. Зыр и ӏэблэм, адрейр и лъакъуэм. Зыр щӏалэ цӏыкӏущ, адрейр хъыджэбз цӏыкӏущ. Ар ишэчын хуей зэрыхъум щхьэкӏэ и натӏэм пщӏэнтӏэпс къокӏуэ. Пщӏэнтӏэпсри хуэшэчынукъыми, и анэм кърита бэлътоку цӏыкӏур и жыпым кърехри, и натӏэмрэ и напэмрэ елъэщӏ.

      «Майя умница, пришла с платочком!» – жи гъэсакӏуэм, абы гу къылъетэри. Напэмытхьэщӏу къашэхэм ярилъытри къыщытхъуауэ аращ, ауэ иджы Майе пщӏэнтӏэпсыр къожэх – и гугъу къамыщӏыхам нэхъыфӏт. И гур мэбампӏэ. «И гур мэбампӏэ» – мы псалъэхэр зэпкърихын фӏэфӏщ. Здыжиӏэм, и гур мэзагъэ, и кӏуэцӏкӏэ мэсабырыж, и нэкӏущхьэ къызэщӏэплъахэр мэупщӏыӏуж. Сабий гупыр шхапӏэмкӏэ яшэ. Шей ефэнщ. Нэгъуэщӏ зыри ишхыфынукъым. Гъэсакӏуэм залымыгъэкӏэ зыгуэр къригъэшхмэ, кърикӏутыжынкӏэ хъунущ. Гу къылъатакъым, ӏуэху къащӏакъым зэрымышхэм щхьэкӏэ. Гуфӏэнут, гуфӏэ и хьэлу щытамэ. Зэ щӏыбым щӏашарэт – аращ зыпэплъэр.

      Гъэсакӏуэр куэдрэ яхэткъым, «фызэбгрымыж, фымызэрану фыджэгу» жери, адрей гупым я гъэсакӏуэм деж макӏуэ дэуэршэрыну. Хъыджэбз цӏыкӏухэм езым я джэгу яублэ, щӏалэ цӏыкӏухэм е хьэмбылу къагъуэтынщи зэпаплъыхьынщ, е сад пщӏантӏэм къыдэзэрыхьа хьэ хьэулейр кином щалъэгъуа Рекс ещхьу ягъэсэну хуежьэнщ.

      Майе гупитӏми яхыхьэркъым. Майе и дэджэгуэгъур Мышщ. Ар нэхъ цӏыкӏухэм ящыщщ, ауэ абыхэм къахокӏри Майе деж къокӏуэ. Мыш цӏыкӏу илъэсищщ зэрыхъур, гъэсакӏуэхэм ящыщ зым и бынщ.

      Хъыджэбз цӏыкӏухэр нэжэгужэщ, зэрызохьэ. Зыр уафэмкӏэ доплъей, и ӏэпэр пшэхэм хуеший: «Благъуэм Дыгъэр еубыд! Благъуэм Дыгъэр еубыд!» Абы зыпащӏыжу, адрейхэри мэкӏий: «Благъуэм Дыгъэр еубыд! Благъуэм Дыгъэр еубыд!»

      Благъуэ. Дыгъэ. Майе игу къокӏыж нанэ и псысэр. Благъуэ… Дыгъэ… Иджы щӏалэ цӏыкӏухэри къахыхьэжауэ уафэм доплъей. Зым мурад ещӏ хъыджэбз цӏыкӏухэм къагупсысам нэхърэ нэхъыбэ езым хилъхьэну, мэкӏий:

      – Благъуэм Дыгъэр иубыдыпэнурэ кӏыфӏ хъунущ! Зэи нэху хъужынукъым!

      Зы хъыджэбз цӏыкӏу къыдожьу. «Кӏыфӏ хъунущ! Кӏыфӏыбзэ хъунущ!»

      Майерэ Мыш цӏыкӏурэ лъэныкъуэкӏэ щытщ. Майе доплъейри, Благъуэр ӏупщӏу къелъагъу, нэхъ пэжу жыпӏэмэ, и нэгу къыщӏохьэ, иужькӏэ елъагъу уафэ джабэр зэриубыдар, дыгъэр зэрыщӏихъумар. Майе шынэркъым, ауэ дунейр кӏыфӏ хъуащи, мэкӏий. Зыри илъагъужыркъым, Мыш цӏыкӏу и ӏэпэр еутӏыпщри и макъым къызэрикӏкӏэ мэкӏий. Джэгуурэ къежьар я фӏэщ хъужри, шынэр къапкърыхьащи, сабийхэри зэщӏогъуагэ.

      – Нобэ Майе сабийхэр игъэшынащ, благъуэ къэлъэтэнурэ псори фишхынущ яжриӏэри. Сабийхэр игъагъырти, пэш щхьэхуэ щӏэдгъэсащ, – Майе аргуэру пэш нэщӏ щӏыщӏагъэсам и щхьэусыгъуэу аращ гъэсакӏуэм къриӏуар. Улэ къэкӏуэжри анэшхуэр игъэкъуэншащ.

      – Псысэ шынагъуэхэр жыбоӏэ, благъуэ щыӏэу и фӏэщ хъуащ, езыри шынэри, адрейхэри игъэшынэжащ…

      – Псысэр

Скачать книгу