Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова
Чтение книги онлайн.
Читать онлайн книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова страница 18
– Нтӏэ сыт? Еджэфми, делэ цӏыкӏущ.
– Бэяу, жумыӏэ апхуэдэу.
– Мыбы зыри жиӏэжыфынукъым. Псалъэркъым.
– Уи адэм зэхихмэ, и жагъуэ хъунщ.
– Си адэр мыращ зыдэпсэур, сэракъым. Пцӏы бупс мыхъуну жиӏэркъэ? Нтӏэ, пэжыр жысӏэу аращ – ӏэплӏэкӏэ кърихьэкӏ и пхъум хухэтщ.
– Бэяу, ӏукӏ… Иӏэт, Майе, къеджэт тхылъым.
Майе, цӏыхубзышхуэм и ӏэр еубыдри, и ӏэпэр тхылъым хуехь.
– Сэ сыкъебгъэджэну ара?
Татианэ, тхылъым зэреплъ щымыӏэу, гукӏэ ищӏэ таурыхъыр жеӏэ.
Пагуэ къахохьэж.
– Фызэгурыӏуа хуэдэщ. Мыр къыфхуэзгъанэмэ, дауэ хъуну? Зэшыпхъуитӏыр зэрыцӏыхунт.
– Къэгъанэ, фӏы дыдэщ. Сэри сфӏэфӏщ Ритэ зэримызакъуэр, шыпхъу зэриӏэр ищӏэмэ.
– Сэ ди анэм деж сыплъэнщ, мыгузэвэну жесӏэнщ. Пщэдей къуажэм дыкӏуэжынущ. Ритэ, уэ унэхъыжьщ, уи шыпхъу цӏыкӏум хуэсакъ, нобэ ягъэджэлащ.
– Папэ, уэ хэт нэхъыфӏу плъагъур? Майе, хьэмэрэ сэра? Зи гъусэу упсэуращ, дауикӏ!
– Мыдэ къакӏуэт, си гуащэ. Апхуэдэу щхьэ жыпӏэрэ? Тӏури фызибынщ, тӏури фӏыуэ фызолъагъу. Уэ унэхъыжьщ, нэхъыбэ къыбгуроӏуэри, нэхъыбэкӏи сыпщогугъ. Фӏыуэ еджэ, мамэ едаӏуэ.
– Седжэурэ сешащ сэ, еджапӏэр сужэгъуащ. Махуэ къэс унэ лэжьыгъэ, унэ лэжьыгъэ… Нобэ тхыгъэ згъэхьэзырын хуейщ Хэку зауэшхуэм хэта гуэрым теухуауэ. Дадэ сытетхыхьынут, ауэ сэ ар зэи слъэгъуакъым. Папэ, уэ схуэтх. Уэращ ар зи адэр, уэращ абы и гъащӏэм хэзыщӏыкӏыр.
– Уи адэшхуэр партизану щытащ. Нэмыцэхэм яӏэщӏэкӏуэдащ. Тхы апхуэдэу, аращ зэрыщытар.
Майе и напӏэр къимыӏэту зэпсалъэхэм я урысыбзэм щӏодэӏу. Пагуэ ӏэплӏэкӏэ иӏыгъа Ритэ ирегъэувэхыжри щӏокӏ.
Ритэ и адэм зыщигъэнщӏкъым, мис, аргуэру зричри ежьэжащ.
– Мы ӏей цӏыкӏум и зэранщ папэ ди деж зэрыщымыӏэр! – Ритэ гъыну хьэзырщ.
– И адэр игу къэбгъэкӏыжри къэгумэщӏащи аращ щӏыщӏэкӏар, сыт щыгъуи къытохьэлъэ абы и гугъу ищӏыныр, – жи Татианэ.
– Сыт-тӏэ сэ иджы сщӏэнур? Сэ сцӏыхуакъым дадэ, зыцӏыхуа си адэр зытемыпсэлъыхьыфым теухуауэ сэ сыт схуэтхынур?
Татианэ и пхъум жиӏэр къыфӏэӏуэхущэкъым, Майе къыӏэрыхьа щӏыкӏэ, зэпеплъыхь, игъэпсэлъэну хэтщ, хуейщ сабийм и щытыкӏэр къызыхэкӏыр къыгурыӏуэну.
Пагуэ къалэ цӏыкӏум и уэрам нэхъыщхьэм ирокӏуэ. Къуэпсыбэкӏэ къепха хъуащ мы щӏыпӏэм. Гъунэгъу дыдэу къыщыт къуршыщхьэхэм доплъей, хъуреягъыр зэхеплъыхь. Сыт лъандэрэ къыкӏэлъикӏухьрэ Ӏуащхьэмахуэ лъапэ деж и адэм фэеплъ хуигъэувыну хуейуэ. Партизан гупым хэту мыбдежхэм щызэуат, щаубыдари мы щӏыпӏэрат. Нэмыцэхэм сытым щыгъуи щысхь ящӏэртэкъым, ауэ партизан къаӏэрыхьамэ, фибл трахт. Пагуэ и адэр мыхьыр ирагъэхьу мазэкӏэ яӏыгъа нэужь, яукӏыжат. Пагуэ къызэрилъытэмкӏэ, ар лӏыхъужьщ, къелэжь и фэеплъ сын щызэуа щӏыпӏэм щыхасэну. Абы теухуауэ Тӏыауз щыӏэ райсоветым щӏыхьати, къыдаӏыгъакъым – Налышык унафэ къытхуимыщӏауэ дэ апхуэдэ фэеплъ дгъэувыну дыхуиткъым, жаӏэ. Налышыки кӏуащ. «Уи адэм