Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова
Чтение книги онлайн.
Читать онлайн книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова страница 20
Улэ хадэм ихьэри нартыхумкӏэ хыхьати, жумэрэныгъуэ къилъэгъуащ. Иджы пэгункӏэ псы ихьурэ гъуэмирекӏэ. Жумэрэнкъижмэ, ирищӏэнурищӏэркъым, ауэ сытми псы ехь. Ари уэрамым нэс кърихыурэ. Иджыри къэс пщӏантӏэм псы къыдригъэшакъым Пагуэ. Куэд мэхъу ар зыхунэмыс унагъуэ ӏуэхухэр. Псы пэгунышхуитӏыр гъуэм иригъэлъэдауэ нартыхум къыздыхэкӏыжым джэду къелъагъу. Улэ ар къецӏыхужри, ауан ищӏу йопсалъэ.
– Къеблагъэ, Хьирэт.
Джэдум хущхьэнэпцӏ зещӏ – укӏытафэ зытригъэуэнущ иджыпсту. Джэду гъуабжэр мэбзэхыж, Хьирэт къоунэху, къызэфӏоувэри, нартыху цӏынэр зэлъыӏуигъэкӏуэту, къыкӏуэцӏрокӏ.
– Уэ щхьэкӏэ сыгузавэри сыкъекӏуэкӏащ.
– Зым щхьэкӏи угузавэкъым, укъызоплъакӏуэ, сыгъыу сыщысмэ къэпщӏэну. Сытуи умыужэгъурэ мы джэду сэфэтыр? Хьэм уашхамэ, арат пхуэфащэр.
– Сыту уӏей… Уэсщӏаӏа апхуэдэу укъысхущытыну? Майе ӏурылъ си быдзышэми уи гур нэхъ щабэ ищӏакъым.
– Жэмыщӏэ къуатай абы щхьэкӏэ.
– Ар Пагуэщ зи тыгъэр, уэ уи нэщхъыр схузэхэпхамэ, нэхъыбэ сыхуейтэкъым.
– Сэращ уэ уэршэрэгъуу уиӏэххэр.
– Тхьэ, мызыгъуэгукӏэ зы гукъеуи пхуэзмыщӏ, уринэщхъеину пхурикъунщ уи ӏуэхур.
– Пагуэ Тӏыаузым зэрыдэкӏуеям щхьэкӏэ сынэщхъей уи гугъэу аращ. Щайуэ къиздзэркъым.
– Татианэ хуэзэмэ-щэ?
– Хуэзэнщ-тӏэ, и пхъур имылъагъуу къехыжынукъым ар абы.
– Си пхъур слъагъунущ жиӏэрэ урысым и ӏэплӏэ щабэшхуэм илъу нэху къекӏмэ-щэ?
Улэ погуфӏыкӏ. Хьирэт зыхуеяр къызэремыхъулӏар къыгуроӏуэж – Улэ урыс фызыр къридзэркъым, ар езым нэхъри Пагуэ нэхъри фӏыуэ нэхъыжьщ. Арауэ пӏэрэ къыщӏримыдзэр, хьэмэрэ и лӏыр фӏыуэ имылъагъуххэрэ?
– Пагуэ абы щӏэкӏуэрейр и анэр къишэжыну аращ.
– Уэ уи гуащэм узэрыфӏэнар къуажэм теӏуащ.
– Уэ сыдэпхьащи.
– Гуэныхь къыумыхь, зы псалъэ жызмыӏа! Укъызэрашэрэ уи фӏыцӏэ фӏэкӏ къызжьэдэмыкӏа. Майещи, си быным хуэдэу фӏыуэ слъагъуркъэ? Зэрымыпсалъэм щхьэкӏэ си гур хупехри, слъэкӏарэт, зыгуэр зэрыхуэсщӏэну.
– Си сабийм зыгуэр и лажьэу къуажэм дэпхьэмэ, зэи дызэкӏэлъихьэжынукъым уэрэ сэрэ.
– Мыр сыт, мыр сыт? Уи фӏэщи, нысащӏэ!
– Майе узэрыӏуплъа щӏыкӏэр зыщыгъэгъупщэ.
– Сэ слъагъу псор сӏуэтэжу сыдэмыт… Къытехьэ зиӏи щыӏэщ, хъужынщ е ӏэзэ хъунщи тӏысыжынщ. Мо зэ и ныбжь нэгъэс.
– Ӏэзи хъунукъым, и адэми ар идэнукъым! Игъэхъужыну дохутыр къыхуелъыхъуэ…
– Хъужынщ-тӏэ, хъужын, уи гугъэр хыумых. Ӏэмал зимыӏэ щыӏэкъым… Ӏэмал зимыӏэ щыӏэкъым. Ауэ… анэращ… уэращ псори зэлъытар.