Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова
Чтение книги онлайн.
Читать онлайн книгу Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс - Зарина Саадуловна Канукова страница 19
Пагуэ здэкӏуэм и пащхьэм лӏы гъумыщӏэшхуэ къоджэразэ.
– Мыр сыт? Уэрамым утехуэркъэ? Зуплъыхь хъуну? Лӏы мыцӏыхур бэлэбанэу зэрыхуэпам тегушхуэгъуафӏэ ирегъэщӏ Пагуэ: мыр зи теплъэ лэжьапӏэ ӏуткъым, нэхъ ӏеижращи, йофэ. Небэкъебэу, делэ гуфӏэкӏэу къыжьэхокӏуатэ езыри.
– Текӏуэтыт, зыкӏи узиӏуэхукъым, си пӏэм сыкъыумыш!
Лӏы мыкӏуэмытэм къепсалъэр хьэ бэнауэ къыфӏэмыӏуэхуу, и тхьэкӏумэм ӏэпхъуамбэжьакӏэкӏэ йотӏыхьри щытщ. Пагуэ абы къыпикӏухьыну хуожьэ – мор аргуэру и пащхьэ къохутэж. Пагуэ мэгубжь – мор подыхьэшхыкӏ. Къыпекӏухь, гъуэгум къытренэри адэкӏэ макӏуэ, «уэху» жиӏэжащ… Лӏы мыфэмыцыр и пащхьэм къохутэж.
– Ушейтӏан, зиунагъуэрэ, мыр дауэ?
– Уэ шейтӏан уи фӏэщ хъурэт-тӏэ?
– Хъуркъым!
– Шейтӏани мелыӏычи щымыӏэу аракъэ?
– Щыӏэкъым!
– Нтӏэ-нтӏэ. Коммунист партым фӏэкӏ зыри уи фӏэщ хъуркъым уэ.
– Си жьэр зэщӏэсхыркъым, мы мыфэмыцми и жьэ зэщӏихыркъым, дауэ дызэрызэпсалъэр? – йогупсыс Пагуэ, модрейми къыпещэ:
– Еууей, Пагуэ, лӏыку ухъуащ, гу къыслъумытэ зыпщӏурэ. Сэ сы-уэращ. Убзыщӏу, цӏыхум къебгъэщӏэн ушынэу пхэлъ хьэл гущыкӏыгъуэхэмрэ уи ӏэужь щӏэпхъумэжахэмрэ зыкӏуэцӏылъ Пагуэр сэращ.
Лӏы мыкӏуэмытэм къыкӏэрих бамэм имыгъэбэуэжу Пагуэ и гур кърегъакӏуэ… Хьэуэ, пцӏыщ, абы ӏумпэм къыщӏащӏынрэ цӏыхум ящибзыщӏыжынрэ зэи илэжьакъым. Мыр шейтӏанщ, шэч хэмылъу. Коммунистхэм ямыдэми…
Жануэс аргуэру и закъуэщ. Пагуэ къигъэзэжакъым, Ӏэдэм щӏэкӏыжащ. Нэмэз ищӏри, нэмэз щыгъэ игъажэу тӏысыжащ.
Мы Тӏыаузым дыгъэр псынщӏэу щыкъуохьэ – лъэныкъуитӏымкӏи бгы задэхэр къыщытщ, тафэм деж куэдрэ къыщыптепсэ дыгъэр мыбдеж бгым пасэу пщегъэпщкӏу.
Псынщӏэ дыдэу пшапэр зэхэуэнущ. Щхьэгъубжэӏупхъуэ гъуабжэ тӏэкӏур иригъэкӏуэтэкӏащи, пэшыр нэхъ нэху хъуащ.
Жануэс и щхьэ хуошхыдэж: щӏалэм зыхуимыгъэгусами хъунут, куэд и фэм дэкӏащ абы, сабийуэ и нэгум щӏэкӏами ирикъунт… И адэм и ӏуэхум ехь нобэми ныжэбэми… И лэжьыгъэр ӏейкъым, партым жиӏэр гукӏи псэкӏи къещтэ, и пщэ къыдэхуэр егъэзащӏэ. Ауэ арэзыкъым – и щхьэм хуэарэзыжкъым. И унагъуэ насыпыр-щэ? Къехъулӏауэ жыпӏэ хъуну? Урыс къишэри, зэзэгъакъым, хъыджэбз цӏыкӏу щӏэсу иригъэкӏыжащ. Антыхэ къишэжати, цӏыху ӏей хуэдэкъым, ауэ зыкъомрэ пэплъауэ ягъуэта сабийм зыгуэр зэрилажьэр бэянщ. Къиинщ, жепӏэр зэхимыхым хуэдэщ, псалъэркъым, гуфӏэркъым. Зэзэмызи зыкъызэкъуехри, губзыгъэ дыдэу мэпсалъэ, зыгуэрхэми щӏоупщӏэ. Ауэ нэхъыбэм гупсысэ гуэр зэригъэзахуэм ещхьу щысщ. Илъэсиплӏ фӏэкӏ мыхъуар гупсысэу щысын хуейкъым, и джэгугъуэщ, и псэлъэгъуэщ, сытми щӏэупщӏэу, сытри фӏэгъэщӏэгъуэну… Майе апхуэдэ мыгъуэкъым. И адэанэм зыми